Дунейм тетыху, Къэзэнокъуэ Жэбагъы зыщӀэкъуар Къэбэрдейм и Ӏуэху зэрыдэкӀынырщ, хабзэмрэ захуагъэмрэ я лъабжьэр гъэбыдэнырщ, цӀыхум я псэукӀэр егъэфӀэкӀуэнырщ. Хъыбархэм къызэрыхэщыжымкӀэ, Къэзэнокъуэ Жэбагъы зи псалъэм пщӀэ иӀэ, зи акъылыр жыжьэ нэплъыс, захуагъэм ирилажьэ цӀыху губзыгъэщ, къэрал лэжьакӀуэщ, хэкумрэ къэбэрдей лъэпкъымрэ фӀыгъуэ зэрахуилэжьыныр къалэн зыщищӀыжауэ. А къалэныр хузэфӀэмыкӀамэ, Къэзэнокъуэ Жэбагъы и цӀэмрэ и хъыбархэмрэ нобэ къэсынтэкъым.

Къэзэнокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр езыр-езырурэ къежьащ, ахэр зыми зэхилъхьакъым икIи къигупсысакъым: лIы Iущым далъагъу IуэхущIафэхэр зэхуаIуэтэжурэ жылэм хэIуэри IуэрыIуатэ лIэужьыгъуэ хъуащ.

Къэзэнокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр щIаIуатэр Къэбэрдейм и закъуэкъым, абыхэм ущрохьэлIэ Шэрджэсми Адыгейми; Къэзэнокъуэм и цIи и хъыбархэри ящIэ ди гъунэгъу лъэпкъхэми. Псалъэ пэж куэд къызэринэкIащ Къэзэнокъуэ Жэбагъы, абыхэм нобэр къыздэсым Жэбагъы и псалъэкIэ йоджэ. Къэзэнокъуэ Жэбагъы къызэринэкIа псалъэ Iущхэр адыгэ псалъэжьхэм хэзэрыхьыжауэ къогъуэгурыкIуэ.

Къэзэнокъуэ Жэбагъы 1750 гъэм лӀащ, и акъылрэ и ӀуэхущӀафэкӀэ цӀэрыӀуэ дыдэ хъуауэ.

Къэрмокъуэ Хьэмид "Адыгэ ӀуэрыӀуатэ".

[*] ХеящӀэ: хей псалъэм, мыкъуаншэ, мымысэ мыхьэнэ зиӀэм къытокӀ. къуаншэмрэ захуэмрэ зэхэзыгъэкӀым "хеящӀэ"-кӀэ йоджэ, нэгъуэщӀу жыпӀэмэ "къады".